Урок адыгского языка и культуры у иностранных студентов КБГУ

Дата создания: 20.05.2017
Звёзд: 1Звёзд: 2Звёзд: 3Звёзд: 4Звёзд: 5 (Пока оценок нет)
Загрузка...

Дунейпсо Адыгэ хасэмрэ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и тхьэмадэ Алтуд Юрэрэ я зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, 2016-2017 гъэ еджэгъуэм къыщыщIэдзауэ ди университетым щеджэ хэхэс адыгэ щIалэгъуалэм адыгэбзэ яджыну хуитыныгъэ яIэ хъуащ. Ягурэ я псэрэ етауэ адыгэбзэ яджыну, адыгэ хабзэмкIэ яIэ щIэныгъэхэр хагъэхъуэну еджапIэм къокIуалIэ Сирием, Тыркум, Иорданием, Финляндием къикIа еджакIуэхэр.

Диалог щIыкIэу ухуа зэIущIэр удихьэхыу, узыIэпишэу екIуэкIащ. Хэхэс адыгэ еджакIуэ ныбжьыщIэхэм зыкъыдагъэцIыхуащ, сэлам зэхыкIэхэм, адыгагъэм теухуауэ яIэ щIэныгъэхэр зэрыхагъэхъуам щыгъуазэ дащIащ, псалъэжь зэрагъэщIахэр къыджаIащ, усэ къытхуеджащ. Мы урокым зи щIэныгъэ къэзыгъэлъэгъуахэр Наффын Кумук, Мухамад Исмаел, Али Дания, Рамез Юсеф, Бакир Халед, Хафез Мухаммедж Талаль, Джамиль Аль-дрис Мохамед (Сирие); Огут Мерве, Октай Севью (Тырку); Куджак Лейс; Сарэ Тогуж; Тхагош Лейс (Иордание) сымэщ.

Мы Iуэхугъуэр къызэзыгъэпэщар Хамэ къэрал студентхэм ядэлажьэ институтым хыхьэ Общеобразовательнэ дисциплинэхэм я кафедрэм и доцент, филологие щIэныгъэхэм я кандидат Тэнащ Тамарэщ.

ЗэIущIэм хэтахэщ а кафедрэм и унафэщI, доцент, химие щIэныгъэхэм я кандидат Вындыжь Мадзерэ, ТхыдэмкIэ, филологиемкIэ, цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ институтым хыхьэ Журналистикэмрэ Кавказ Ищхъэрэ литературэхэмкIэ кафедрэм и доцент, филологие щIэныгъэхэм я кандидат Абазэ Албэчрэ адыгэбзэмкIэ кафедрэм и доцент, филологие щIэныгъэхэм я кандидат УнэлIокъуэ Вячеславрэ.