КАВКАЗОЛОГИЯ. 2024. № 3. Къэмбэчокъуэ Iэдэм Муштэхьид и къуэ
Цитатэ къызэрыхэпхынур: Къэмбэчокъуэ Iэдэм Муштэхьид и къуэ. Къэбэрдей-шэрджэсыбзэр ужьыхынымкIэ, кIуэдыжыпэнымкIэ шынагъуэ зыпылъ Iуэхугъуэ щхьэхуэхэр // Электронный журнал «Кавказология». – 2024. – № 3. – С. 397-409. – DOI: 10.31143/2542-212X-2024-3-397-409. EDN: QQSZOS.
For citation: Kambachokov A.М. On some risk factors for the extinction and subsequent disappearance of the Kabardino-Circassian language. IN: Electronic journal «Caucasology». – 2024. – № 3. – P. 397-409. – DOI: 10.31143/2542-212X-2024-3-397-409. EDN: QQSZOS.
Для цитирования: Камбачоков А.М. О некоторых факторах риска угасания и последующего исчезновения кабардино-черкесского языка // Электронный журнал «Кавказология». – 2024. – № 3. – С. 397-409. – DOI: 10.31143/2542-212X-2024-3-397-409. EDN: QQSZOS.
КЪЭБЭРДЕЙ–ШЭРДЖЭСЫБЗЭР УЖЬЫХЫНЫМКIЭ, КIУЭДЫЖЫПЭНЫМКIЭ ШЫНАГЪУЭ ЗЫПЫЛЪ IУЭХУГЪУЭ ЩХЬЭХУЭХЭР
Къэмбэчокъуэ Iэдэм Муштэхьид и къуэ
Бэрбэч Хь.М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университет, Налшык, Урысей, akamb@mail.ru, https://orcid.org/0009-0002-2184-0431
Аннотацэ. Лэжьыгъэр теухуащ къэбэрдей-шэрджэсыбзэкIэ дызэджэу лъэпкъым Iурылъ бзэм и нобэрей щытыкIэм, къэгъэсэбэпыкIэм, джыкIэм, пщIэуэ иIэж хъуам ехьэлIа Iуэхугъуэ мытыншхэр зэхэгъэкIыным. Къэхутэныгъэр щедгъэкIуэкIым тегъэщIапIэ тщIа материалхэм ящыщщ бзэ и лъэныкъуэкIэ къэралым иригъэкIуэкI политикэр зэрызригъакIуэ нормативно-правовой актхэр, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм къыщыдэкI «Адыгэ псалъэ» газетым тет тхыгъэхэр, республикэм и нэгъуэщI хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я адыгэ редакцэхэм я нэтынхэр. Лэжьыгъэр щедгъэкIуэкIым дэ къэдгъэсэбэпащ зэгъэпщэныгъэ, кIэлъыплъыныгъэ, синтез, анализ къэхутэкIэ Iэмалхэр. Къэхутэныгъэр щыхьэт зэрытехъуэщи, бзэмрэ ар зыIурылъ лъэпкъымрэ хэмыкIуэдэжыным и хэкIыпIэр лъэпкъыбзэхэр хъума зэрыхъун, абыхэм зэрызаузэщIын къэралпсо программэ зэхэгъувауэ, бзэ политикэ къэщтауэ абы ипкъ иткIэ Урысей Федерацэм хиубыдэ лъэпкъ псоми я бзэм гъащIэм и Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм зэхуэдэу къыщыбгъэсэбэп зэрыхъун социальнэ статус егъэгъуэтынырщ; щIэблэр анэдэлъхубзэм ешэлIэжыным хуэфащэ гулъытэ лъыгъэсынырщ; анэдэлъхубзэмрэ литературэмрэ курыт, нэхъыщхьэ еджапIэхэм щахухэха сыхьэт бжыгъэм хэгъэхъуэнырщ; бзэм езым иIэж зыужьыкIэм, лэжьэкIэм щхьэзыфIэфIыгъэкIэ хэIэбэным, абы къэгупсыса Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр залымыгъэкIэ хэпщэным цIыхубэ акъылрэ къарукIэ пэщIэувэнырщ.
Зэрыгъуэзэн псалъэхэр: глобализацие, бзэм и социальнэ статусыр, бзэ ужьыхыжхэр, лъэпкъыбзэ зэхущытыкIэхэр, бзэ политикэр, бзэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэм я щытыкIэр.
Об авторе:
Камбачоков Адам Муштагидович – доктор филологических наук, профессор, директор института повышения квалификации и профессиональной переподготовки, профессор кафедры кабардино-черкесского языка и литературы социально-гуманитарного института ФГБОУ ВО «Кабардино-Балкарский государственный университет им. Х.М. Бербекова», Нальчик, Россия.