Адыгэ диктант 2022
Дунейпсо Адыгэ Хасэр, Адыгэ къэрал университетыр, Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр ди лъэпкъэгъухэм Адыгэ тхыбзэм и махуэмкIэ къывохъуэхъу икIи гъатхэпэм и 12-м екIуэкIыну «Адыгэ Диктант» лъэпкъ хуэIухуэщIэхэм жыджэру фыхэтыну фыкърегъэблагъэ.
Мы гъэм адыгэ диктантыр зэрекIуэкIынур пэIудзауэщ, зэратхынури онлайн щIыкIэм тетущ.
Гъатхэпэм и 12-м сыхьэтыр 12.00-м щIидзэу адыгэ диктантыр къэбэрдей икIи кIэмыргуей диалектхэмкIэ щатхынущ:
– къэбэрдей диалектымкIэ – https://kbsu.ru/tv/adygje-diktant-2022/ хэщIапIэм;
– кIэмыргуей диалектымкIэ – https://www.youtube.com/watch?v=0nlfrnYnaEg
хэщIапIэм.
Адыгэбзэм и пщIэр къэIэтын, лъэпкъым анэдэлъхубзэмкIэ бгъэдэлъ щIэныгъэр егъэфIэкIуэн папщIэ зэхаша «Адыгэ диктантым» фыхэтыну адыгэу зыкъэзылъытэж дэтхэнэри фыкъыхудоджэ, фыщыпсэу щIыпIэм, фызыщыгъуазэ адыгэбзэм и куэдагъым емылъытауэ.
«Адыгэ дитктантыр» зэрекIуэкIыну жыпхъэ убзыхуам ДАХ-м и сайтым фыкъыщеджэ хъунущ: intercircass.org
УпщIэ зиIэхэр +79289109975; +79286934817 телефонхэм фыпсалъэ хъунущ.
Тхыгъэр адыгэбзэк1э зэзыдзэк1ар
Т1ымыжь Хьэмыщэщ, ф.щ1.д, профессор, КБКъУ-м
адыгэбзэмрэ литературэмк1э и кафедрэм и унафэщ1