Гъуэгу махуэ дызэрытетыр фIэщ къытщещI
2022 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр
илъэс 90 ирокъу
ГЪУЭГУ МАХУЭ ДЫЗЭРЫТЕТЫР ФIЭЩ КЪЫТЩЕЩI
Тхыгъэр адыгэбзэк1э зэзыдзэк1ар
Т1ымыжь Хьэмыщэщ, ф.щ1.д, профессор, КБКъУ-м
адыгэбзэмрэ литературэмк1э и кафедрэм и унафэщ1
Бзэр лъэпкъым и мэIуху нэхъыщхьэщ, ар цIыхум и гулъащIэм щигъафIэ, псэр хьэщыкъ зыщI, гъуазэ, хъуэпсапIэ телъыджэхэр къызэригъэщI Iэмэпсымэщ. Ар щIыуэпсым къыпкърыкI гурыщIэщ, макъамэ щхьэхуэурэ пасэрей цIыхухэм ягъэпсар къащIэхъуэ щIэблэхэм зэIэпахыурэ ди деж къахьэсауэ. Абы и пэжагъыр къегъэлъагъуэ щIыуэпсым и макъ псоми дежьууф адыгэбзэм. Дунейм зырызыххэщ лъэпкъыу тетыр, адыгэхэм хуэдэу, я бзэм и макъхэр хэмыщIIауэ ихъумэфауэ.
А макъ зэщIэжьыуэ куэдым дамыгъэ етыным, зы пкъылъэм игъэзэгъэным и Iуэхур гугъуу икIи кIыхьу екIуэкIащ. Ди щIэныгъэлIхэм къызэрахутэжымкIэ, а Iуэхум япэу иужь ихьар лъэпкъ узэщIакIуэхэрщ. Нэгумэ Шорэ зэрыжиIащи, абыхэм зэи ягу икIакъым, «бгырысхэр джатэм къыпыкIыу, тхылъым зыщратыну зэман» къызэрыхъунур. ХIХ лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэ ныкъуэм псэуа узэщIакIуэ нэхъыжьхэу Нэгумэ Шори, Хъан-Джэрии, Адыл-Джэрии, Бырсей Умари, нэгъуэщIхэми ар яхъуэпсапIэу щытащ. Абы хуэунэтIауэ лъэбакъуэ щхьэпэхэри ячат, псалъэм папщIэ, 1826 гъэм Нэгумэ Шорэ игъэхьэзырат къэбэрдей адыгэбзэм и макъхэм я зэхэтыкIэм теухуауэ лэжьыгъэр, а бзэм алфавити хузэхилъхьат. Апхуэдэу 1843 гъэм щIэныгъэлIым тхын иухат «Къэбэрдей грамматикэм и пэщIэдзэ хабзэхэр». Ауэ а лэжьыгъэхэр дунейм къытехьауэ езы узэщIакIуэ иным илъагъуну къыхуихуакъым, ар къыщыхъуар Нэгумэр дунейм ехыжу илъэс куэд дэкIыжа нэужьщ.
АдыгэбзэкIэ лъэпкъым и щIэблэ иригъэджэну, тхылъ къыдигъэкIыну япэу зи насып къикIар егъэджакIуэ-узэщIакIуэ, бзэщIэныгъэлI, тхакIуэ Бырсей Умарщ. 1850-1860 гъэхэм адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэу ар щылэжьащ Ставрополь дэта щIыналъэ гимназием. 1853 гъэм и гъатхэпэ мазэм Тифлис къыщыдэкIащ Бырсейм «Шэрджэсыбзэм и букварь» зыфIища и тхылъыр. Ар дунейм къызэрытехьэрэ илъэси 150-рэ щрикъум ирихьэлIэу жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лъэIукIэ, гъатхэпэм и 14-р Адыгэ тхыбзэм и махуэу ягъэуващ. Къэрал унафэу щымытми, Iуэху щхьэпэр щыдаIыгъащ адыгэхэр щыпсэу щIыналъэ псоми, Къэбэрдей-Балъкъэрри яхэту.
АдыгэбзэкIэ тхылъ къыдэгъэкIыным ехьэлIауэ Бырсей Умар ича лъэбакъуэр лъэужьыфIэ хъуащ. «Шэрджэсыбзэм и букварым» къыкIэлъыкIуащ иджыри лэжьыгъэ зыбжанэ, езы щIэныгъэлIым игъэхьэзырауэ: «Шэрджэсыбзэм и грамматикэ» (1858), «Урыс-шэрджэсыбзэ псалъалъэ кIэщI» (1859), «Урыс графикэм тету къэбэрдеибзэм и алфавит» (1862, П.К. Услар щIыгъуу), нэгъуэщIхэри. Адыгэ псоми зэдай алыфбей, тхыбзэ лъэпкъым къыхузэгъэпэщынымкIэ Бырсейм и лэжьыгъэхэм мыхьэнэшхуэ яIащ. Ауэ нэхъыщхьэр щIэныгъэлIым иришэжьа Iуэхур зэрымыужьыхыжарщ, икIи ар адэкIи и еджакIуэхэм зэрагъэкIуэтарщ. Апхуэдэ лIыгъэ къызыльыкъуэкIари Бырсейм Ставрополь гимназием щригъэджа ХьэтIохъущокъуэ Къазийрэ КIашэ Адэлджэрийрэщ, «туземцхэр я бзэкIэ егъэджэн хуэмейуэ» къэзыгъэувыгъа языныкъуэ къэрал къулыкъущIэхэм лъэщу япэщIэувауэ щытахэрщ. 1865 гъэм Бырсей Умар и букварыр къыщыдэкIа тхылъ тедзапIэ дыдэм дунейм къыщытехьащ ХьэтIохъущокъуэ Къазий и «Къэбэрдей алыфбейр».
Лъэпкъым и зыужьыныгъэр тхыбзэ зэримыIэм, щIэблэм светскэ щIэныгъэ зэрырамытым зэрызэтриIыгъэр фIыуэ къызыгурыIуэ узэщIакIуэ Тамбий Пагуи, Дым Iэдэми, НэгъущI Сухьэди, Цагъуэ Нурии, нэгъуэщIхэри яужь итащ Iуэху щхьэпэр гъэкIуэтэным. Уеблэмэ ХьэтIохъущокъуэм адыгэбзэ езыгъэджэнухэр щагъэхьэзыр «мазищ курсхэр» Налшык къыщызэригъэпэщат. Цагъуэм езым и хьэрычэткIэ, сабий еджапIэ Бахъсэн къыщызэIуихат, цIыхухэм иужькIэ «Нурий и университет» зыфIащыжар, ауэ къэрал дэIэпыкъуныгъэ зымыгъуэта а IуэхущIапIэхэр куэдрэ лэжьакъым. Апхуэдэу щытми, Цагъуэ Нурийрэ Дым Iэдэмрэ я алыфбейр зекIуащ совет властым и япэ илъэсхэм къэсыху. Ауэ диным ебэныныр къэрал идеологием и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зы зэрыхъуам къыхэкIыу, унафэщIхэм къалъытащ адыгэбзэр зытет хьэрып графикэм къытегъэкIын хуейуэ. Ар 1923 гъэм зэфIигъэкIащ Хъуран Батий зи пашэ щIэныгъэлI гупым, лъэпкъ тхыбзэм латин хьэрфхэр лъабжьэ хуэзыщIам. 1924 гъэм лъэпкъыбзэхэр егъэджыныр предмет щхьэхуэу школ программэм хагъэхьати, а алфавитымкIэ сабийхэр ирагъаджэу зэтраублат.
Ауэ «РСФСР-м и цIыхухэм я деж щIэныгъэншагъэр щыгъэкIуэдыным и IуэхукIэ» 1919 гъэм СНК-м къищтауэ щыта декретыр гъэзэщIэныр иджыри екIуэкIырт, адыгэбзэм и хьэрфхэр аргуэру зэхъуэкIын хуейуэ Iуэху къащылъыкъуэкIам щыгъуэ. 1936 гъэм урыс графикэр и лъабжьэу адыгэбзэм алфавитыщIэ хузэхалъхьащ. Абы елэжьа гупым и пашэт зи цIэр ди еджапIэ нэхъыщхьэм быдэу пыщIа, адыгэбзэ кафедрэм и япэ унафэщI, бзэщIэныгъэлI, егъэджакIуэ, усакIуэ Борыкъуей ТIутIэ. Нобэ лъэпкъ тхыбзэм игъуэта зыужьыныгъэм и псынащхьэм щытахэм ящыщ зыщ ар.
«Щэнхабзэ революцэм» и илъэсхэм псынщIэу зызыужьу хуежьа цIыхубэ хозяйствэр хуэныкъуэт IэщIагъэлIхэм, псом хуэмыдэу егъэджакIуэхэм. 1930 гъэхэм я пэщIэдзэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызэрагъэгъуэт еджапIэ иджыри иттэкъым, Совет Союзым и къалэшхуэхэм щеджауэ къэзыгъэзэжхэр яхурикъуртэкъым. Псом хуэмыдэу гъуэтыгъуейт адыгэбзэмрэ литературэмкIэ, балъкъэрыбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэхэр. Апхуэдэу лъэпкъ IэщIагъэлIхэм хуэныкъуэт къэрал къулыкъущIапIэхэр, тхылъ тедзапIэхэр, газет-журнал редакцэхэр, щэнхабзэм, егъэджэныгъэм, щIэныгъэм я IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Абы къыхэкIыу 1931 гъэм ВКП(б)-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым лъэIукIэ зыхуигъэзащ РСФСР-м и ЦIыхубэ Комиссархэм я Советым, ди республикэм егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр институт къыщызэIуахыну хуит къищIыну. ЛъэIур къыхуащIащ: 1932 гъэм мэкъуауэгъуэм и 7-м РСФСР-м и СНК-м и унафэ къыдэкIащ, Владикавказ дэт Бгырыс педагогикэ институтыр тIууэ зэрагуэшыр иту – Къэбэрдей-Балъкъэр педагогикэ институт, Осетие Ищхъэрэ педагогикэ институт. ЕджапIэм езэгъын унэ Налшык зэрыдэмытым къыхэкIыу, ВКП(б)-м и Кавказ Ищхъэрэ крайкомым унафэ ищIащ институтым и лэжьыгъэр Псыхуабэ (Пятигорск) щызэтриублэн хуейуэ.
1932 гъэм фокIадэм и 15-м Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал педагогикэ (егъэджакIуэхэр зыгъэхьэзыр) институтым и бжэр студенти 120-м яхузэIуихыгъащ. Абы Псыхуабэ (Пятигорск) лэжьэн щыщIидзащ, институтым къыхуэкIуэн унэ Налшык зэрыдэмытым къыхэкIыу. Факультетищым – физикэмрэ математикэмкIэ, биологиемкIэ, филологиемкIэ – щрагъаджэрт егъэджакIуэ 13-м. ИужькIэ къызэрагъэпэщащ тхыдэмкIэ факультетри. ФилологиемкIэ факультетым и зы къудамэт бзэщIэныгъэхэмкIэ кафедрэри. Абы Борыкъуей ТIутIэ я унафэщIу щылажьэрт адыгэбзэмкIэ, балъкъэрыбзэмкIэ, урысыбзэмкIэ егъэджакIуэхэр. Зыпэрыт Iуэхум къыдэкIуэу кафедрэм и егъэджакIуэхэу Елбэд Хьэсэн, ДыщэкI Мухьэмэд, Цагъуэ Мухьэмэд сымэ, я унафэщIыр я пашэу, щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэшхуи я пщэм дэлът: лъэпкъ тхыбзэм и хабзэхэр гъэбелджылын, литературэбзэм и мардэхэр убзыхун, сабийхэр зэрырагъэджэну тхылъхэр гъэхьэзырын, адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжын, джыжын, нэгъуэщIхэри. Къыхэгъэщын хуейщ зи цIэ къитIуа щIэныгъэлIхэм я пащхьэ къита къалэнхэр ехъулIэныгъэ хэлъу зэрызэфIагъэкIар.
1937 гъэм Налшык ухуэн щаухащ пединститутым и унэр икIи еджапIэ нэхъыщхьэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм къагъэIэпхъуэжащ. А илъэс дыдэм бзэщIэныгъэхэмкIэ кафедрэр тIууэ ягуэшащ: урысыбзэмкIэ кафедрэ, лъэпкъыбзэхэмкIэ кафедрэ. Апхуэдэу екIуэкIащ Хэку зауэшхуэм щIидзэху. А лъэхъэнэм кафедрэм и лэжьакIуэхэу ДыщэкI М., Елбэд Хь., Кумыщ Хь., Тажь Ш., Хьэбырэ И. сымэ куэд зэфIагъэкIащ адыгэбзэм и фонетикэр, псалъэ къэхъукIэр, синтаксисым хэлъ щхьэхуэныгъэхэр, лъэпкъ литературэм и зыужьыкIэр къэхутэным теухуауэ. Ауэ дахэу ежьа а лэжьыгъэр, адыгэ лъэпкъыр хуабжьу зыхуэныкъуэр, къызэпиудащ зауэм. Абы и мафIэм япэ махуэхэм щегъэжьауэ пэрыхьэри зауэ гъуэгуанэ хьэлъэр якIуащ кафедрэм и лэжьакIуэхэу ДыщэкI Мухьэмэд, ТIажь Шэхьбан, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, Къардэн Бубэ, Нало Ахьмэдхъан сымэ. Фашистхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым гъунэгъу къыщыхуэхъум, пединститутыр ягъэIэпхъуауэ щытащ Грузиемрэ Армениемрэ я щIыналъэхэм.
Бийр ди лъахэм ирагъэкъэбзыкIыжа нэужь 1943 гъэм мэлыжьыхьым и 15-м пединститутым и лэжьыгъэр Налшык щызэтриублэжащ. Егъэлеяуэ хьэлъэт щытыкIэр: студентхэр щеджэ унэр ягъэплъыртэкъым, электрокъару, псы щыIэтэкъым, тхылъ хъумапIэхэр, кабинет Iэмэпсымэхэр зэхэкъутат. Апхуэдэу щытми, абы и лэжьакIуэхэм я гукъыдэжыр инт, псоми къагурыIуэрт куэд дэмыкIыу зауэр ди текIуэныгъэкIэ зэриухынур. Апхуэдэуи хъуащ, зауэм зэхикъутахэр псынщIэу зэрагъэпэщыжри республикэр зыужьыныгъэм и гъуэгум теувэжащ. Ауэ гугъуехьхэр иджыри мымащIэу щыIэт. Псалъэм папщIэ, 40 – 50 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал пединститутым и пащхьэ ита къалэн нэхъ гугъу дыдэхэм ящыщщ егъэджакIуэкIэ IэнатIэр къызэгъэпэщыныр. ЕгъэджакIуэ 59-м щыщу 11-рт еджагъэшхуэ степень зиIэр. Апхуэдэу зэтеубла хъуатэкъым щхьэхуэу адыгэбзэмрэ литературэмкIэ IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырыным и Iуэхури. Ар къалъытэри пединстиутым къыщызэIуахащ зэуэ IэщIагъитIым – адыгэбзэмрэ литературэмрэ, урысыбзэмрэ литературэмрэ – щыхурагъаджэ къудамэ, литературэмкIэ факультетым хэту. 1945 – 1968 гъэхэм абы и унафэщIу лэжьащ адыгэхэм ящыщу япэу филологие щIэныгъэхэм я кандидат хъуа АбытIэ Мухьэб Лэкъумэн и къуэр. ЩIэныгъэлIыр я пашэу кафедрэм и лэжьакIуэхэм а илъэсхэм къыдагъэкIащ адыгэбзэр курыт, ищхьэ еджапIэхэм зэрыщрагъэджыну тхылъхэр, программэхэр. АбытIэм и гуащIэшхуэ хэлъщ Москва япэу къыщыдэкIа «Къэбэрдей-шэрджэс литературэбзэм и грамматикэ» (1957), «Къэбэрдей-шэрджэсыбзэм и псалъэгъэнахуэ» (1999) лэжьыгъэшхуэхэм.
Адыгэбзэмрэ абы и лъэпкъэгъу бзэхэмрэ я зэпыщIэныгъэхэр, я хабзэхэр, зыужьыкIэр джыным, лъэпкъ литературэм къикIуа гъуэгуанэр къэхутэжыным хуэунэтIауэ лэжьыгъэ щхьэпэхэр зэфIагъэкIащ Къардэн Бубэрэ ЩоджэнцIыкIу Iэдэмрэ. 1945-1952 гъэхэм Къардэныр егъэджакIуэ нэхъыжьу, доценту, пединститутым и директору лэжьащ. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ лъэпкъ бзэщIэныгъэм хэлъхьэныгъэфI хуэхъуа лэжьыгъэхэр: «Кабардино-русский словарь» (М., 1957), «Краткий грамматический очерк кабардинского языка» (М., 1959), «Кабардино-русский фразеологический словарь» (Налшык, 1963), «Фразеология кабардинского языка» (Налшык, 1973), «Семантико-стилистические функции фразеологических единиц в прозе А. Кешокова» (Налшык, 1982), тхылъеджэхэм гукъинэж ящыхъуа художесвеннэ тхыгъэ куэд.
ЩоджэнцIыкIу Iэдэм егъэджакIуэфI къудейтэкъым, аращ ди литературэм лирическэ прозэм и лъабжьэр щызыгъэтIылъар. Абы и «Софят и гъатхэ» (1955), «Уэлбанэ дыгъэ» (1966), «Уи цIэр фIэсщынщ» (1973), «Щхьэгъубжэ нэху» (1985) повестхэр лъэпкъ прозэм и нэхъыфI дыдэхэм хабжэ. Апхуэдэу ЩоджэнцIыкIум адыгэбзэкIэ къигъэпсэлъащ урыс, дунейпсо литературэхэм я классикхэу Шекспир У., Пушкин А., Есенин С., Тихонов Н., Твардовский А. сымэ я художественнэ тхыгъэ нэхъыфIхэр.
50 – 60 гъэхэм кафедрэр мэхъу лъэпкъыбзэр, IуэрыIуатэр, литературэр джыным и центр нэхъыщхьэ. Кафедрэм IэщIагъэлI Iэзэхэр щылэжьэну къащтэ, ар зыхыхьэ институтым аспирантури къыщызэIуах. А илъэсхэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ ирагъэджэу кафедрэм щылэжьащ щIэныгъэлI цIэрыIуэхэу Урыс Хьэтэлий (1968 – 1989 гъэхэм кафедрэм и унафэщIу щытащ), Нало Ахьмэдхъан, Нало Заур, ХьэкIуащэ Андрей. Нэхъ иужьыIуэкIэ абыхэм гъусэ къахуэхъужащ КIуащ Тамарэ, Тау Хьэзешэ, Тхьэбысым Самихь сымэ. Илъэс куэдкIэ адыгэбзэмкIэ кабинетым и унафэщIу лэжьащ Хьэгъэбанэ ХьэIишэт. 60 – 70 гъэхэрщ адыгэбзэмрэ литературэмрэ джыным ехьэлIа щIэныгъэ лэжьыгъэ нэхъыбэ дунейм къыщытехьар. Псом япэу ар зи фIыщIэхэм ящыщщ Урыс Хьэтэлий. Бзэм елэжь ди щIэныгъэлIхэм ящыщу бзэщIэныгъэм хигъэщхьэхукI унэтIыныгъэ псомкIи аращ къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр зиIэр. Нобэ дызэрытхэ пэжырытхэм и хабзэхэр зыубзыхуари, абы теухуауэ КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм къищта законым и проектыр зыгъэхьэзырауэ щытари Урысырщ.
Адыгэбзэм, IуэрыIуатэм, литературэм ехьэлIауэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэ куэд ягъэхьэзыращ еджагъэшхуэхэу Нало Ахьмэдхъан, ХьэкIуащэ Андрей, Тау Хьэзешэ сыми. Нобэ лъэпкъ бзэщIэныгъэм, литературэ щIэныгъэм я IэнатIэхэм къэхутэныгъэхэр щезыгъэкIуэкI ныбжьыщIэхэм я дежкIэ гъуазэу щытщ абыхэм я монографиехэр, статьяхэр. Тау Хьэзешэ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ кафедрэм 1990 – 2013 гъэхэм и унафэщIу лэжьащ, апхуэдэу щытащ филологиемкIэ институтым и директору, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и проректору.
ЩIэблэр егъэджэным, гъэсэным я зэфIэкI ирахьэлIащ зэман зэхуэмыдэхэм кафедрэм щылэжьахэу Гъут Iэдэм, БакIуу Хъанджэрий, БищIо Борис, Абдокъуэ Ауес, Иуаныкъуэ Нурбий, Къэмбэчокъуэ Риммэ, Шэру Хьэсен, Бакъ Зерэ, ПIаз Азэмэт, Къармэ Асият, КхъуэIуфэ (ТыIэщ) Юлие, Кувэжыкъуэ Залинэ, Псэунэ ФатIимэ, Мэремыкъуэ Элеонорэ, Шорэн Зитэ сымэ, нэгъуэщIхэми.
2008 гъэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ кафедрэм иджыри зы зэхъуэкIыныгъэ къыщыхъуащ – лъэпкъ кафедрэм къыгуагъэкIри къудамэщIэ къызэрагъэпэщащ, «Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я литературэмрэ IуэрыIуатэмкIэ кафедрэ» фIэщыгъэцIэр иIэу. Абы и япэ унафэщIу щытащ филологие щIэныгъэхэм я доктор ЦIыпIынэ Аслъэн. 2011 гъэм щегъэжьауэ абы и унафэщIу лэжьащ щIэныгъэлI, филологие щIэныгъэхэм я доктор ТIымыжь Хьэмыщэ.
2013 гъэм къыщыщIэдзауэ адыгэбзэ кафедрэм и унафэщIу лэжьащ филологие щIэныгъэхэм я кандидат, доцент Къардэн Мусэдин. 2017 гъэм кафедритIыр аргуэру зэгуагъэхьэжащ, абы лъандэрэ и унафэщIщ ТIымыжь Хьэмыщэ. КафедрэщIэм епхауэ мэлажьэ адыгэ лъэпкъ щэнхабзэм и центрри, филологие щIэныгъэм я кандидат, доцент Езауэ Мадинэ и унафэм щIэту.
Адыгэбзэмрэ литературэмрэ езыгъэджхэм ягъэзащIэр зы къалэнщ – щIэныгъэ куу яIэу, зэхэщIыкI лъагэрэ гъэсэныгъэ дахэрэ яхэлъу, дунейпсо цIыхубэм хигъэщхьэхукIа лъапIэныгъэ нэхъыщхьэхэр я гъуазэу, адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ хуэпэжу щIэблэр къэгъэхъунырщ. Ахэр я гъуазэу я IэнатIэм пэрытщ кафедрэм я лэжьакIуэхэу Къэмбэчокъуэ Iэдэм, Абазэ Албэч, УнэлIокъуэ Вячеслав, ХъутIэжь Заудин, Хэжь Ленэ, Хьэщхъуэжь Заретэ, Бозий Наимэ, Езауэ Мадинэ, Шыгъушэ Джульеттэ, Пэрыт Линэ, УнэлIокъуэ Лянэ, Къардэн Марьянэ сымэ.
Нобэ кафедрэм и лэжьыгъэхэр еунэтI къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэ нэхъыфIхэм хабжэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и унэтIыныгъэ программэхэм тету. Апхуэдэу ахэр ядолажьэ зыхыхьэ Социальнэ-гуманитар институтым и къудамэ псоми. Университетми институтми я унафэщIхэм я гулъытэ зэи щыщIэркъым, а зэдэлэжьыныгъэм фIы куэди кърокIуэ. КъыжыIэн хуейщ, республикэм и IэнатIэ зэхуэмыдэхэм университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэр къэзыухахэр ехъулIэныгъэ яIэу зэрыщылажьэр. Мыбы и гъэсэнхэрщ нобэ щэнхабзэм, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэхэм, литературэм, СМИ-м я лэжьыгъэхэр зыунэтIыр.
Кафедрэм и лэжьакIуэхэм фIыуэ къагуроIуэ адыгэм и пащхьэ хэхауэ жэуаплыныгъэ зэрыщахьыр. Дэтхэнэ цIыхуми и псэр зыхэлъ и бзэр хъумэныр, зегъэужьыныр дунейм лъэпкъыу тетым я дежкIэ къалэн нэхъыщхьэщ. Дэ а IэнатIэр езыхэм къыхэтхащ, лэжьыгъэр мытыншми, ар ди псэм щыщ хъуащ. Лэжьыгъэм дыпэлъэщынымкIэ дэ диIэщ гъуазэ тхуэхъун нэхъыжьыфIхэр, ди ужьми къоувэ ныбжьыщIэ Iущхэр. Абы фIэщхъуныгъэ къытхелъхьэ ипэкIэ дыплъэну, гъуэгу махуэ дызэрытетри хьэкъ къытщещI!
Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ кафедрэм и лэжьакIуэхэр. 2022 гъэ.
Щысхэр (сэмэгумкIэ къыщыщIэдзауэ): к.ф.н., доцент Абазэ А.Ч.; к.ф.н., доцент Езауэ М.Ю.; д.ф.н., профессор Къэмбэчокъуэ I.М.; кафедрэм и унафэщI, д.ф.н., профессор ТIымыжь Хь.Т.; к.ф.н., доцент Хьэщхъуэжь З.Т.; к.ф.н., доцент ХъутIэжь З.Хь.
Щытхэр: к.ф.н., доцент Хэжь Л.Х.; лаборант нэхъыжь Къардэн М.А.; к.ф.н., доцент УнэлIокъуэ В.Хь.; к.ф.н., доцент Бозий Н.Б.; егъэджакIуэ нэхъыжь УнэлIокъуэ Л.С.; к.ф.н., доцент Къардэн М.Л.; егъэджакIуэ нэхъыжь Пэрыт Л.А.; к.ф.н., доцент Шыгъушэ Дж.Хь.