Илъэсым и проректор
Университетым щылажьэ егъэджак1уэхэм къахэжэнык1хэм ящыщ, Щ1эныгъэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэмк1э Къэбэрдей Балъкъэр къэрал университетым и проректор къалэныр зыгъэзащ1э, химие щ1эныгъэхэм я доктор профессор Хьэшыр Светланэ, абы къыф1ащащ илъэсым и проректор ц1эр. Ди адыгэ бзылъхугьэ еджагъэшхуэм а ц1э лъап1эр къыхуэзгъэфэщар Урысей профессорхэм я собранэк1э зэджэ зэгухьэныгъэрщ. Ар къызэрагъэпэщащ 2017 гьэм. А зэгухьэныгьэм мы зэманым къызэщ1еубыдэ щ1ынылъэу 80, еджап1э ищхьэу 170м щылажьэ профессору минитху. Къэралпсо жылагьуэ зэгухьэныгьэм апхуэдэ саугъэт лъап1эр къыщ1игупсысар еджап1э ищхьэхэм щ1эныгьэ къэхутак1уэ лэжьыгъэр нэхъри щыщ1эгъэхуэбжьэнырщ, зыщегъэубгъунырщ, а 1энат1эхэмк1э жэуап зыхь проректорхэр гъэгушхуэнырщ. Химие щ1эныгъэхэм я доктор профессор, Къэбэрдей Балъкъэрым щ1эныгъэхэмк1э щ1ыхь зи1э и лэжьак1уэ, Къэбэрдей Балъкъэрым и кьэрал саугьэтыр зыхуагьэфэща Хьэшыр Светланэ иджыпсту зыпэрыт 1энат1эр илъэсищым щ1игъуауэ зэрехьэ. Абы и жэрдэмк1э университетым къыщызэрагъэпэщащ ик1ий щолажьэ полимерхэм ди гъащ1эм ща1э мыхьэнэм ахэр къэгъэсэбэпын зэрыхуейм теухуа центр. Полимерхэм я шыф1эл1ыфэр зихуэдэр щиджа щызэпкьыриха лэжьыгьэ тхыгъэу Хьэшырым и 1эдакъэ къыщ1эк1ащ 300 щигъу. Ахэр тырыригьэдзащ ди Урысей Федерацэми, хамэ къэралхэми къыщыдэк1 академическэ журналхэм. Адыгэ бзылъхугъэ профессорым полимерыр джыным теухуауэ патенту и1эщ 60м щ1игъу. Светланэ и нэ1э щ1эту химие щ1эныгъэхэм я кандидат хъуащ аспиранту 15. И лэжьыгьэ нэхъыщхьэм нэмыш1 Хьэшырым и пщэ дэлъщ химием пыщ1а нэгъуэщ1 къалэн куэд. Высокомолекулярная соединениек1э зэджэ 1эщ1агъэ зэзгъэгъуэтхэм я кандидат, доктор диссертацэхэр щыпхагъэк1 советым и унафэщ1щ, еджагъэшхуэ нэхъ щ1алэхэм я урысейпсо зэгухьэныгьэм и къуэдзэщ, абы и къэбэрдей Балъкъэр къудамэм и унафэщ1щ. 2008 гьэм щыщ1эдзауэ илъэсипщ1к1э абы зэрихьащ, ди республикэм и правительствэм деж къыщызэрагьэпэща еджагьэшхуэ, 1эщ1агъэл1 ныбжьыщ1эхэм я советым и нэхъыжь къалэныр. Апхуэдэу Хьэшырыр ильэсищк1э хэтащ, федерацэмк1э советым и унафэщ1ым и дамэм щ1эту лажьэ щ1эныгьэ эксперт советым. Светланэ щ1эныгъэ къэхутэныгьэ 1уэхухэмк1э къэбэрдей Балъкъэр кьэрал университетым и проректору зэрагъэуврэ наукэм еджап1э ищхьэм льэбакъуэщ1э щичащ. Абы и щыхьэтщ мыпхуэдэ бжыгъэхэр. Щ1эныгьэ 1уэхум теухуауэ ягъэхьэзыр трырагъадзэ тхыгъэхэр худэ зырэ ныкъуэк1э нэхъыбэ хьуащ. Щ1эныгьэ къэхутак1уэ лэжьыгъэу зыф1агьэк1ар сом мелуан 400 нагъэсащ, патенту 180 рэ къратащ. Материальнэ техническэ базэр сом мелуанищэк1э нэхъ къулей ящ1ащ. Хьэшыр Светланэ и гуащ1э хэлъщ къэбэрдей Балъкъэр къэрал университетым щ1эныгьэ 1уэхум теухуауэ къэралпсо международнэ конференцэхэр зэрыщрагъэк1уэк1ым. Абыхэм ящыщ зыщ 2019 гьэм ди еджап1э ищхьэм къэралпсо фестиваль къыщызэрагъэпэщауэ зэрыщытар. Хьэшыр Светлана къызэрилъытэмк1э ди еджап1э ищхьэм иужь илъэсхэм пщ1эшхуэ зэригъуэтамк1э псом япэу ф1ыщ1эр зи деж щылъагъупхъэр а 1эныт1эр тэмэму зытезыухуа ректорым Алътуд Юрэ и дежщ.