КБГУ-р илъэс 90 щрикъум ирихьэлIэу ЩIЭУПЩIЭШХУЭ ЗИIЭ IЭЩIАГЪЭХЭМ ЩЫХУЕДЖЭ ЕДЖАПIЭ

Дата создания: 07.04.2022
Звёзд: 1Звёзд: 2Звёзд: 3Звёзд: 4Звёзд: 5 (Голосов: 1, Рейтинг: 5,00)
Загрузка...

90 лет КБГУ ЛОГОБэрбэч Хь.М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым информационнэ технологиехэмрэ экономикэмкIэ и колледжыр щIыхь зыпыль гъуэгуанэ къэзыкIуа, и цIэмрэ и пщIэмрэ хуэфащэу нобэ зызыужь еджапIэщ. Абы къыщIаха щIэныгъэм студент минхэм гъуэгу къахузэIуихащ, гъащIэм хишащ, къулыкъукIэ заIэтыным лъабжьэ хуэхъуащ.
Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм цIыхухэр егъэджэнымкIэ и IэнатIэм ди колледжым зыхуэфащэ увыпIэ щиIыгъщ, и пщIэрэ и фащэкIэ адрейхэм къахэщхьэхукIыу. ЕджапIэм и япэ лъэбакъуэхэр ичащ 1943 гъэм. 1996 гъэм ар Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым хагъэхьэжащ. Абы къыщыщIэдзауэ колледжым псынщIэу зеужь, щIыналъэр нэхъ зыхуэныкъуэ IэщIагъэхэм студентхэр щыхурагъаджэ.
2021-2022 гъэ еджэгъуэм ирихьэлIэу ди колледжым студентхэр зыхурагъаджэ IэщIагъэхэр 11-м нэсащ. Ахэр ехьэлIащ техникэм, социальнэ-экономикэ IэнатIэхэм. Абыхэм ящыщу 3-р Урысей Федерацэм нэхъ щIэупщIэ зиIэ IэщIагъэ 50-м (ТОП-50) хохьэ.
Техническэ унэтIыныгъэ зиIэ IэщIагъэхэр: компьютер сетхэр, компьютер системэхэмрэ комплексхэмрэ, газкIэ къызэрызэрагъэпэщ бжьамийхэр укъуэдиинымрэ абы ирахьэлIэ Iэмэпсымэхэмрэ гъэлэжьэныр, унэхэр, псэуалъэхэр ухуэнымрэ ахэр зыхуей хуэгъэзэнымрэ, компьютер системэхэм я программэхэр гъэхьэзырыныр, прикладной информатикэр (IэнатIэ зэхуэмыдэхэр къызэщIиубыдэу), информационнэ системэхэмрэ программированэмрэ, электрон техникэр ремонт щIынымрэ гъэлэжьэнымрэ (IэнатIэ зэхуэмыдэхэр къызэщIиубыдэу). Автоматизированнэ системэхэм я информационнэ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыныр.
Социальнэ-экономикэ унэтIыныгъэм ехьэлIа IэщIагъэхэр: экономикэмрэ бухгалтер учетымрэ (IэнатIэ зэхуэмыдэхэр къызэщIиубыдэу), хьэщIэщ Iуэхухэр.
Къызэрыхэдгъэщащи, ди колледжыр къэзыуххэм лэжьапIэ щагъуэтыр Къэбэрдей-Балъкъэрым и закъуэкъым, атIэ ахэр зыхуеджа IэщIагъэхэм щIэупщIэшхуэ щаIэщ Урысейм и щIыналъэ куэдми. Абы къыхэкIыу гулъытэ хэха худощI рынокыр нэхъ зыхуэныкъуэ IэщIагъэхэр къэхутэным, абыкIэ IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырыным. Нэхъ щIэупщIэ зиIэ IэщIагъищкIэ колледжыр къэрал аккредитацэм пхыкIащ: 10.02.05 – Автоматизированнэ системэхэм я информационнэ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыныр; 43.02.14 – ХьэщIэщ Iуэхухэр; 09.02.07 – Информационнэ системэхэмрэ программированэмрэ. Иужьрей IэщIагъэмкIэ студентхэр 2021 гъэм къыщыщIэдзауэ федеральнэ бюджетым къыхэкI мылъкукIэ ирагъэджэну къащтэ. Абы хохьэ программист; Web, мультимедие гуэдзэхэр зыгъэхьэзыр; информационнэ базэхэм я администратор.
Ди дежкIэ нэхъыщхьэщ ныбжьыщIэхэр лэжьапIэ нэхъ къызэрагъэгъуэтыну IэщIагъэхэм хуегъэджэныр. 2021 гъэм къэралым щрагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, IT–IэнатIэхэр хуэныкъуэщ IэщIагъэлI 1 мелуаным нэс. Ар къэтлъытауэ дэ догъэхьэзыр программистхэр, web-программистхэр, web-сайтхэм я архитекторхэмрэ компьютер джэгукIэхэр зэхэзылъхьэхэмрэ, апхуэдэу web-дизайнерхэр, систематехникхэр, системнэ администраторхэр, SEO–IэщIагъэлIхэр, контент-менеджерхэр, линкбилдерхэр, web-аналитикхэр, QA-инженерхэр. Ди колледжыр къэзыуххэм я нэхъыбэм иужькIэ я щIэныгъэм щыхагъахъуэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм.
Информационнэ технологиехэмрэ экономикэмкIэ колледжым егъэджакIуэу 70-м щIигъу щолажьэ. Абыхэм ящыщу 6-р щIэныгъэхэмкIэ кандидатщ, 40-м я IэщIагъэмкIэ категорие нэхъыщхьэ яIэщ, 10-м – япэ категориер. ЕгъэджакIуэхэм ящыщ куэдыр IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэм щолажьэ икIи абыхэм щызэрагъэгъуэта опытымкIэ ди студентхэм къадогуашэ. Еджэныгъэм къыщыдгъэсэбэп Iэмалхэмрэ хэкIыпIэхэмрэ едгъэфIакIуэ зэпытщ. Ди егъэджакIуэхэм я зэфIэкIым щыхагъахъуэ къыддэлажьэ предприятэхэм. Абыхэм практикэхэр щрагъэкIуэкI ди студентхэми. Апхуэдэ зэпыщIэныгъэхэм я фIыгъэкIэ ди еджапIэр къэзыух куэд а IуэхущIапIэхэм щылэжьэну къагъэнэж.
Мыри къыхэдгъэщыну дыхуейт. Ди колледжыр къэзыуххэм еджапIэ нэхъыщхьэм щыщIэтIысхьэкIэ ефIэкIыныгъэ зыбжанэ яIэщ. Ахэр хэдэну хуитщ еджапIэ нэхъыщхьэм зэрыщIагъэтIысхьэ экзаменхэр ятынуи ЕГЭ-м и результатхэр къагъэлъэгъуэнуи. ИтIанэ абыхэм IэщIагъэ яIэщи, лажьэурэ еджэнуи хуитщ. Колледжыр къэзыуха апхуэдэ ныбжьыщIэм адэкIэ еджэныр нэхъ тыншуи къохъулIэ.
Информационнэ технологиехэмрэ экономикэмкIэ колледжыр урысейпсо зэпеуэхэм, еплъыныгъэхэм жыджэру хэтщ, ехъулIэныгъэфIхэри зыIэригъэхьэ зэпытщ. Псалъэм папщIэ, 2018 гъэм «Урысей Федерацэм и ссуз нэхъыфIу 100» урысейпсо зэпеуэм етIуанэ увыпIэр къыщыхуагъэфэщащ. 2021 гъэм егъэджакIуэхэм Санкт-Петербург щрагъэкIуэкIа «Си Хэку» III урысейпсо зэхуэсышхуэм и жьауэм щIэту екIуэкIа «2021 гъэм къэралым и еджапIэ нэхъыфIу 500» зэпеуэм и лауреат хъуащ.
Апхуэдэу ди еджапIэр жыджэру хэтщ Worldskills дунейпсо зэщIэхъееныгъэм. 2021 гъэм ди колледжым щекIуэкIащ «IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр» (Worldskills Russia) чемпионатым и зы Iыхьэр – «Web–дизайнымрэ къэхутэныгъэщIэхэмрэ» лIэужьыгъуэмкIэ. А Iуэхум 2022 гъэми къыпытщащ икIи ди деж щедгъэкIуэкIащ V щIыналъэ чемпионатри. Апхуэдэ зэпеуэхэр щекIуэкIащ ди республикэм и нэгъуэщI еджапIэхэми. Абыхэми хэтащ ди студентхэр икIи сагъэт зэхуэмыдэхэр къыхуагъэфэщауэ къагъэзэжащ.
Ди еджапIэм щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр щегъэкIуэкIынми гулъытэшхуэ щыхуащI. 2021 гъэм КИТиЭ-м щызэхэтащ «ЩIыналъэм и экономикэм щекIуэкI интеграцэ Iуэхугъуэхэр щIэгъэхуэбжьэныр» урысейпсо конференцыр. Ар хуэунэтIауэ щытащ Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм я экономикэр зэшэлIэным, зегъэужьыным, абы и лъэныкъуэкIэ хамэ къэрал зызыужьахэм я опытыр къэгъэсэбэпыныр. А илъэс дыдэм, ди колледжым и жэрдэмкIэ, ди деж щекIуэкIащ «Экологием, егъэджэныгъэм, бизнесым я IэнатIэхэм информационнэ технологиер къыщыгъэсэбэпыныр» урысейпсо щIэныгъэ-практикэ конференцыр. Ди гуапэ хъуащ «Абилимпикс» лъэпкъ конкурсым и VII этапыр дэ едгъэкIуэкIыну къызэрытхуагъэфэщари. А Iуэхури ехъулIэныгъэкIэ зэфIэдгъэкIащ. Ар зи узыншагъэм сэкъат иIэ ныбжьыщIэхэр я IэщIагъэкIэ щызэпеуэ еплъыныгъэт. Дэ сытым дежи гулъытэ хэха худощI ныкъуэдыкъуагъэ зиIэ ныбжьыщIэхэм. Ахэр егъэджэным, IэщIагъэ егъэгъуэтыным хуэунэтIауэ хэкIыпIэ зэхуэмыдэхэр къыдогъэсэбэп.
Колледжым и директор, КБГУ-р къэзыуха Ету Залинэ и унафэм щIэту абы лэжьыгъэ щхьэпэхэр щокIуэкI, иджырей лъэхъэнэм щIэупщIэ нэхъ зиIэ IэщIагъэхэм щIалэгъуалэр дегъэхьэхыным хуэунэтIауэ. Аращи, колледжым щеджэну къэкIуэну ныбжьыщIэхэм ди деж щагъуэтынущ:
нобэрей зэманым щIэупщIэ нэхъ зиIэ IэщIагъэхэр;
IэщIагъэ зэхуэмыдэхэм хуезыгъаджэ егъэджакIуэ Iэзэхэр;
егъэджэныгъэм къыщагъэсэбэп иджырей технологиещIэхэр;
щIэныгъэфI зэрырагъэгъуэт егъэджэныгъэ Iэмалхэр;
Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ гъэнщIа студент гъащIэ;
адэкIэ я щIэныгъэм хагъэхъуэн папщIэ тегъэщIапIэ яхуэхъун лъабжьэ быдэ.
Информационнэ технологиехэмрэ экономикэмкIэ колледжым зегъэужьыным хуэунэтIауэ мурад инхэри диIэщ, икIи, дэ фыдигъусэу, адэкIэ лъэбакъуэщIэ тхыдэм хэфчэну фыхуеймэ, ди гуапэу фыкъыдогъэблагъэ!

Жэмыхъуэ Лианэ.

АдыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар
ТIымыжь Хьэмыщэщ