Медицинэ факультетыр – 2022 гъэм: унэтIыныгъэ 60-м щIигъу

Дата создания: 17.03.2022
Звёзд: 1Звёзд: 2Звёзд: 3Звёзд: 4Звёзд: 5 (Пока оценок нет)
Загрузка...

1966 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым къыщызэIуахащ медицинэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэр щагъэхьэзыр факультет. Пэжщ, абы щыгъуэ а факультетым зы къудамэт иIэр, цIыхухэм еIэзэну дохутырхэр щрагъаджэу. Иджы, 2021-2022 гъэ еджэгъуэм ирихьэлIэу, абы зэрырагъаджэ программэу 60-м щIигъу щолажьэ, специалитет, ординатурэ, аспирантурэ къудамэхэм щIэс студентхэм яхуэгъэзауэ. Апхуэдэу факультетым иIэщ  егъэджакIуэхэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ квалификацэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт докторнатури.

Ди деж щеджэхэм я бжыгъэми къыхэхъуэ зэпытщ. Иджыпсту студенту, ординатору, аспиранту факультетым щеджэхэр мини 3-рэ 800-м ноблагъэ. Студентхэм дохутыр IэщIагъэм щыхуоджэ «ЦIыхум еIэзэн Iуэху», «Фармация» (2020 гъэм япэ IэщIэгъэлIхэм къаухащ, хущхъуэ щIыным, цIыхухэм ялъэгъэIэсыным и IэнатIэхэм щылэжьэн папщIэ), «Педиатрия» (1916 гъэм къызэIуахащ, сабий дохутырхэм Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэр егъэлеяуэ зэрыхуэныкъуэм къыхэкIыу) къудамэхэм.

Студентхэр къыщIотIысхьэ бюджетым хухих мылъкукIэ еджэну, апхуэдэщ «квотэ щхьэхуэкIэ» «целевой квотэкIэ» зэджэхэри. Абыхэм къадэкIуэу дэ къытхуокIуэ пщIэ щIату еджэнухэри. «Квотэ щхьэхуэкIэ» зэджэм хыхьэхэр бюджеткIэ къатщтэ студентхэм я проценти 10-м нос. Ахэр къэралым игъэува льготэхэр зиIэхэрщ: ныкъуэдыкъуэхэр, зеиншэхэр, нэгъуэщIхэри. «Целевой квотэкIэ» зэджэм хиубыдэхэр IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэм къагъакIуэхэрщ. Ахэр егъэджэным текIуадэ мылъкур лэжьапIэхэм иращIылIэ зэгурыIуэныгъэм тету ят, икIи студентым ди еджапIэр къиуха нэужь игъэзэжу а IуэхущIапIэм илъэс зыбжанэкIэ щылэжьэжын хуейщ. Къыхэзгъэщыну сыхуейт мыпхуэдэхэм я конкурсыр щхьэхуэу зэрырагъэкIуэкIыр. «Целевой квотэкIэ» къыщIэтIысхьэну хуей абитуриентыр конкурсым пхымыкIамэ, псори зэрыщIагъэтIысхьэ конкурсми хэтыну хуитыныгъэ иIэщ. Иужьрей илъэсищым мы щIыкIэм тету еджэхэм я бжыгъэр хуэди 2-м нэблагъэкIэ хэхъуащ. Иджы ар проценти 6,4-м нос.

ЦIыхухэм щеIэзэ IэнатIэ зэхуэмыдэхэм папщIэ дгъэхьэзыр дохутырхэр ди деж илъэси 6-кIэ щоджэ. Абыхэм гуманитар дисциплинэхэм къыщыщIэдзауэ щIэныгъэ зэхуэмыдэхэр ирагъэдж, ауэ, дауи, нэхъыщхьэр узыфэхэр къэхутэнымрэ гъэхъужынымрэ ехьэлIахэрщ. Апхуэдэу ядж сымаджэм зэреIэзэ IэмалыщIэхэр, абы япэ дэIэпыкъуныгъэ зэрырат щIыкIэхэм зыхуагъасэ, уз зэрыцIалэхэм щыхъума хъунымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэм хуагъасэ.

Илъэси 6-кIэ «Педиатрия», «ЦIыхум еIэзэн Iуэху» унэтIыныгъэм хуеджахэм я щIэныгъэр (урысыбзэм къыдэкIуэу инджылыбзэкIи ирагъаджэхэр хэтщ) къызэрапщытэ къэрал аттестацэм иужькIэ  «дохутыр–педиатр», «дохутыр–цIыхум еIэзэн» IэщIагъэхэр зэраIэмкIэ тхылъ иратыж. IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр япэ  аккредитацэм пхыкIа нэужь, дохутыру лэжьэну хуит ящI икIи цIыхухэм щеIэзэ медицинэ IуэхущIапIэхэм ягъакIуэ. Узыфэ гуэрым епхауэ (хэхауэ) IэщIагъэ зэзыгъэгъуэтыну хуейхэр ординатурэм я щIэныгъэм щыхагъэхъуэн хуейщ. Медицинэм пыщIа апхуэдэ унэтIыныгъэ программэу  32-рэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щагъэзащIэ.

«Фармация» унэтIыныгъэмкIэ студентхэр илъэси 5-кIэ ирагъаджэ. Абы иужькIэ «провизор» IэщIагъэр ират. Ахэр лажьэ хъунущ провизору, провизор-аналитикыу, провизор-технологыу, фармацевту, фармаколог-къэхутакIуэу, фармтехнологыу, щагъэунэху-анализ щащI лабораторэм и химикыу, эксперт-криминатистикэ лабораторэм и химикыу, медицинэ IэнатIэм и лIыкIуэу.

2022 гъэм дохутыр IэщIагъэм щыхурагъаджэу иджыри зы къудамэ къыщызэIуахынущ ди еджапIэ нэхъыщхьэм. Ар «Медико-профилактикэ Iуэху» унэтIыныгъэрщ (2020 гъэм апхуэдэ IэщIагъэлI игъэхьэзыр хъуну ди университетыр хуит къащIащ). Мыбы къыщIэтIысхьэхэри илъэси 6-кIэ еджэнущ, къэзыуххэм «Псоми я зэхуэдэ гигиенэмрэ эпидемиологиемкIэ дохутыр» IэщIагъэ иратынущ. Мыпхуэдэ IэщIагъэм щIэупщIэшхуэ иIэ хъуащ Ковид–19 уз зэрыцIалэр къежьа нэужь. Мы къудамэр къэзыуххэр щылажьэ хъунущ Роспотребнадзорым и IэнатIэ зэхуэмыдэхэм: къабзагъэм кIэлъыплъынымрэ эпидемиологиемкIэ центрхэм, узыншагъэр хъумэным и IэнатIэхэм (сымаджэщхэм щылажьэ эпидемиолог), ВИЧ-м, СПИД-м зыщыхъумэнымрэ ебэнынымкIэ центрхэм.

ЩIэныгъэ куу зиIэ IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырыным йолэжь ди факультетым и щIэныгъэлI-егъэджакIуэхэу 172-рэ. Абыхэм я процент 66-м щIэныгъэ степенхэр яIэщ. Медицинэ факультетым зригъэубгъу зэпытщ дунейпсо рынокым къыщылъыс увыпIэми. Иужьрей илъэси 3-м нэгъуэщI къэрал къикIа студенту ди деж щеджэхэм я бжыгъэр процент 30-м нэсащ.

Я щIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ хэгъэхъуэнымкIэ медицинэ факультетым иIэ центрым программэу 116-рэ щагъэзащIэ:  нэгъуэщI медицинэ IэщIагъэхэм щыхуеджэж курсхэр 44-рэ, я щIэныгъэм щыхагъахъуэхэр 72-рэ мэхъу. 2021 гъэм а курсхэм щеджащ цIыху мини 2-рэ 430-рэ.

Апхуэдэу ди нэIэ тет зэпытщ практикэм нэхъ тещIыхьауэ зэпыу имыIэу ирагъэкIуэкI хабзэ лэжьыгъэхэми, зэрырагъаджэ технологиещIэхэр, IэмалыщIэхэр егъэджэныгъэ Iуэхум къыхэшэнми. Нобэ къэдгъэсэбэп моделыщIэхэм Iэмал къыдат жьы хъуа Iуэху бгъэдыхьэкIэхэм дакъыпыкIыу, иджырей студентыр нэхъ дэзыхьэх, я щIэныгъэр нэхъ куу зыщI хэкIыпIэщIэхэр къэдгъэсэбэпыну. АбыкIэ щIэгъэкъуэныгъэфIу диIэщ симуляционнэ-аккредатиционнэ центрыр, компьютер залхэр, зыхуей-зыхуэфI псомкIи къызэгъэпэща аудиториехэмрэ лабораторэхэмрэ. Ахэр Налшык и курыкупсэм щыIэ унэ нэхъ дахэ дыдэхэм хэтщ. Апхуэдэу ди студентхэм зыщагъасэ, сымаджэхэм щакIэлъоплъ цIыхухэм щеIэзэу республикэм ит IуэхущIапIэхэм.

Бэрбэч Хь.М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и медицинэ факультетыр зэманым екIу, къэкIуэнум фIыкIэ щыгугъ еджапIэщ. ПIалъэ кIыхьым тещIыхьауэ иригъэкIуэкIыну Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэри иубзыхуащ. Абыхэм ящыщ зыщ медицинэ факультетыр, узыншагъэр хъумэнымкIэ и центру щыту, дызыхыхьэ щIыналъэм зегъэужьыным хуэлэжьэныр. А къалэныр къыщыгъэлъэгъуащ 2040 гъэ пщIондэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и социально-экономикэ IэнатIэм зэрызиужьыну зэхалъхьа стратегием.

Абы къалэн инхэр ди пащхьэ кърегъэувэ: КъБР-м щыпсэухэм медицинэ дэIэпыкъуныгъэфI егъэгъуэтыныр, абыхэм я узыншагъэр хъумэным ехьэлIауэ технологиещIэхэр лэжьыгъэм хэпщэныр. А IэмалыщIэхэр хуэунэтIауэ щытынущ зыщагъэпсэхуну, я нэгу зыщрагъэужьыну ди деж къакIуэхэр бгылъэ щIыпIэхэм нэхъ щIэхыу езэгъыу къызэгъэпэщыным, узыфэ зэхуэмыдэхэр нэхъ пасэу къэхутэным, еIэзэным, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным. Апхуэдэу  япэ идгъэщ Iуэхуу щытынущ ди щIыналъэм медицинэ туризмэм зыщегъэужьынри, цIыхум и узыншагъэр ди курортхэм щегъэфIэкIуэжынри, а IэнатIэхэм щылэжьэну IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырынри.

Апхуэдэу дэ дыхущIэкъунущ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ къэралым и адрей щIыналъэхэмрэ щIэупщIэ нэхъ щызиIэ дохутыр IэщIагъэлIхэр зэрыдгъэхьэзыр программэщIэхэр убзыхуным, лицензэ щIыным. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, медицинэ биохимие, медицинэ биофизикэ, медицинэ киберпетикэ IэщIагъэхэр. Магистратурэмрэ ординатурэмрэ мы илъэс благъэхэм щыхуедгъаджэу щIэддзэнущ компьютер биомедицинэ, биоинформатикэ, радиологие, генетик IэщIагъэхэм. Абыхэм, дауи,  медицинэ факультетым и пщIэр къаIэтынущ, щIэупщIэшхуэ зиIэ  IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырынымкIэ щIэгъэкъуэн быдэ хъунущ.

Мы зэманым ди еджапIэр къэзыххэм я процент 75-м щIигъур зыхуеджа IэщIагъэхэмкIэ мэлажьэ, адрейхэм я щIэныгъэмрэ IэщIагъэмрэ щыхагъахъуэ ординатурэмрэ аспирантурэмрэ.

Си псалъэм и кIэухыу мыри щIызгъужынут. КъБКъУ-м и тхыдэм пыщIащ сэри си гъащIэр. 1997 гъэм сэ медицинэ факультетыр, 2000 гъэм абы и  аспирантурэр къэзухащ, ди диссертационнэ советым си кандидат лэжьыгъэр щыпхызгъэкIащ. Мыращ си доктор диссертацэр щызгъэхьэзырари, 1999 гъэм къыщыщIэдзауэ сызыщылажьэри.

Иужьрей илъэсхэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым псынщIэу зеужь. Сэри срогушхуэ а зыужьыныгъэм си гуащIи зэрыхэлъым, срогушхуэ си еджапIэ нэхъыщхьэм, си лэжьэгъухэмрэ студентхэмрэ.

 

Тхыгъэр адыгэбзэк1э зэзыдзэк1ар

Т1ымыжь Хьэмыщэщ, ф.щ1.д, профессор, КБКъУ-м

адыгэбзэмрэ литературэмк1э и кафедрэм и унафэщ1