Псалъэр Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетырщ
Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щек1уэк1 щ1эныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм теухуа радионэтынхэр 99,5 FM республикэ радиомк1э ек1уэк1ынущ. Ахэр ирагъэхьэл1ащ Урысей щ1эныгъэм и махуэм – 2022 гъэм и мазае мазэм и 8-м.
Еджап1э нэхъыщхьэм и ехъул1эныгъэхэм адыгэбзэк1э я гугъу ищ1ынущ биологие щ1эныгъэхэмк1э кандидат, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым химиемрэ биологимк1э и институтым биологиемк1э, геоэкологиемк1э, псэущхьэхэм я молекулярнэ-генетикэ лъабжьэхэмк1э кафедрэм и доцент Хьэтыхъу Абубэчыр. Нэтыныр зыгъэхьэзырар журналист Жыгуэ Иннэщ. Ар пщэдджыжьым сыхьэтыр 7-рэ дакъикъэ 15-м ек1уэк1ынущ (нэтыным къытригъэзэжынущ сыхьэтыр 13-рэ дакъикъи 5-м).
Сыхьэтыр 17-рэ дакъикъэ 35-м радиомк1э къэпсэлъэнущ филологие щ1эныгъэхэмк1э доктор, профессор, къэрэшей-балъкъэр филологиемк1э кафедрэм и унафэщ1 Кетенчиев Мусса. Нэтыныр езыгъэк1уэк1ынур Токмаковэ Мадинэщ.
Радиом и урыс редакцэми иригъэк1уэк1ынущ Щ1эныгъэм и махуэм ирихьэл1эу эфир зэ1уха. Абы щ1идзэнущ сыхьэтыр 12-рэ дакъикъи 5-м. Абы хэтынущ Инновацэ 1уэхухэмрэ щ1эныгъэ къэхутэныгъэхэмк1э ди еджап1э нэхъыщхьэм и управленэм и унафэщ1ым и къуэдзэ, экономикэ щ1эныгъэхэмк1э доктор Дыкъынэ Анзор. Нэтыныр иригъэк1уэк1ынущ Беслъэней Еленэ.
Тхыгъэр адыгэбзэк1э зэзыдзэк1ар
Т1ымыжь Хьэмыщэщ, ф.щ1.д, профессор, КБКъУ-м
адыгэбзэмрэ литературэмк1э и кафедрэм и унафэщ1