ЩIэныгъэлI, егъэджакIуэ Iэзэ
Май мазэм илъэсищэ ирикъуащ ц1ыхухэм щ1эныгъэ нэхъыщхьэ егъэгъуэтынымк1э Урысей Федерацэм щ1ыхь зи1э и лэжьак1уэ, филологие щ1эныгъэхэм я доктор, профессор, Къэбэрдей Балъкъэр къэрал университетым илъэс 54 к1э лъэпкъыбзэр щ1эблэм щезыгъэджа, абы щыщу илъэс 23-к1э адыгэбзэмрэ литературэмк1э кафедрэм и унафэщ1у щыта Урыс Хьэталий къызэралъхурэ.
1922 гъэм Нартан къуажэ къыщалъхуа щ1алэщ1эм и гупсысэр нэхуу, лэжьа-к1уэу, ф1ым, дахагъэм и зэхэублак1уэу къэпсэуащ. Зауэ зэманым зи щ1а-лэгъуэр хиубыда Урыс Хьэталий и гъащ1эр дэпхуэдизу гугъуу къемык1уэ-к1ами, и гур к1уэдакъым, лъэпкъыр ипэк1э к1уэтэн, лъэпкъ узыншэ хъун папщ1э щ1эныгъэ зи1э ц1ыху зэрыхуейр пасэу къыгуры1уати, 1уэхур езым и щхьэ къыщыщ1идзащ, Къэбэрдей къэрал пединститутым щ1эт1ысхьэри, щхьэх имыщ1эу еджэу, и зэф1эк1ым хигъахъуэурэ, адыгэбзэ кафедрэм и ассистент мэхъу, мыгувэу, а кафедрэм и егъэджак1уэ нэхъыжьу ягъэув, иужьк1э дисертацэ лэжьыгъэр етхри кандидат мэхъу. Абдежи къыщызэ-темыувы1эу адыгэбзэ морфологиер куууэ зэпкърехри и доктор диссертацэр пхегъэк1.
И лэжьыгъэм ф1ыуэ хищ1ык1ыу, адыгэбзэм ирилажьэ 1эщ1агъэл1у нобэ ди республикэм исхэм ящыщ куэдыр езыгъэджар Урыс Хьэталийщ. А зи гугъу тщ1ы 1эщ1агъэл1хэм ныбжьыщ1эхэр зэрырагъаджэ тхылъхэм ящыщ зыбжани зи 1эдакъэ щ1эк1ар аращ. Ахэр къызэрыдэк1рэ илъэс пщ1ы бжыгъэхэр дэк1ыжами, нобэр къыздэсым щ1эблэм щ1эныгъэ зэрыбгъэ-далъхьэу егъэджак1уэхэр нэхъыбэу зэрыгъуазэр Хьэталий и 1эдакъэ-щ1эк1хэрщ. Псалъэм папщ1э абыхэмк1э йоджэ 6-9-нэ классым щ1эсхэр. Апхуэдэу щ1эныгъэл1 щэджащэм къытхуигъэна лэжьыгъэф1хэхэм ящыщщ адыгэ пэжырытхэмрэ нэгъыщэ гъэувык1эхэмрэ я хабзэхэр зэрыт тхылъри. Ди университетми Къэрэшей Шэрджэсым дэтми адыгэбзэр зэрыщаджыр Урыс Хьэталий итха тхылъипл1ымк1эщ.
Псалъэ изот Урыс Хьэталий щылэжьауэ щыта адыгэбзэ кафедрэм мы зэманым и унафэщ1, филологие щ1эныгъэхэм я доктор профессор Т1ымыжь Хьэмыщэ.
Адэк1э ди нэтыным къыхызошэ Урыс Хьэталий иригъэджахэм ящыщ, адыгэбзэ кафедрэм нобэ щылажьэ, филологие щ1эныгъэхэм я кандидат Унэл1окъуэ Вячеслав. Вячеслав игу къегъэк1ыж, Хьэтэлий япэ дыдэу зэрилъэгъуауэ щытар.